Черим Нахушев Си къашэныр аращ'2008

Исполнитель: Черим Нахушев Длительность: 03:42 Размер: 3.40 МБ Качество: 128 kbit/sec Формат: mp3
Ну как песня, понравилась? Поделись с друзьями!

Текст песни "Черим Нахушев — Си къашэныр аращ'2008"

Псалъэ: Вындыжь М.
Макъамэ: Лъэпкъым ейщ

Кавказ щхьэщыгум и акъужь мащlэм
Пшэр егъэкlуасэ гущэ уэуи
Си пщlыхь нэlуасэу гур зыгъэкlуасэр
Си тхьэlухудыр аращ.
Тхьэрыкъуэ пщэхуу зэпсэгъу цlыкlуитlым
Зызыхуагъафlэ гущэ уэуи
Гущlэм щызгъафlэу си псэм фlэlэфlыр
Си тхьэlухудыр аращ.

Ар си дахэщ еу-уэ-ра-да,ар си нэ сипсэщ еу-уэ-ра-да
Си лъагъуныгъэри еу-уэ-ра-да,си къэшэныр аращ.
Ар си дахэщ еу-уэ-ра-да,адыгэ пщащэщ еу-уэ-ра-да
Сызыгъэусэри еу-уэ-ра-да,си къэшэныр аращ.

Нэхущ бзу цlыкlухэр махуэщlэ къакlуэм
Екlуурэ хуобзэрабзэ уэуи
Пшынэм и lэпэр зыхуэбзэрабзэр
Си лъагъуныгъэр аращ.
Дыгъэр я плъапlэу сэхуран гъагъэм
Хуэмурэ зыдагъазэр уэуи
Нанэ и плъапlэу си гум щызгъафlэр
Си тхьэlухудыр аращ.

Ар си дахэщ еу-уэ-ра-да,ар си нэ сипсэщ еу-уэ-ра-да
Си лъагъуныгъэри еу-уэ-ра-да,си къэшэныр аращ.
Ар си дахэщ еу-уэ-ра-да,адыгэ пщащэщ еу-уэ-ра-да
Сызыгъэусэри еу-уэ-ра-да,си къэшэныр аращ.

Еще песни Черим Нахушев

0:00 0:00

Заголовок проигрывателя Подзаголовок проигрывателя

(режим воспроизведения)